Алим Кешоков – Куриная слепота. Повесть / Нэгъуху (страница 2)
– ЕщIэм, уэлэхьи. ЛIo щIимыщIэр. Шы къыдатар къызытрахам нэгъунэ ещIэм, уэлэхьи.
ЦIыкIущэ и фыз Кулисум ар ищIэххэртэкъым:
– Хэт, на-а, къызытрахар? Шыр зейм дауэ къызэрытепхынур? Апхуэдэ хабзэ? Я мэлыхъуэ Къазий балигъ хъуам хуэдэу къэпсэлъащ:
– ЩIы участкэ зиIэм дауэ къызэрытрахар? Еуэщ, и пыIэкур къраудри, щIыр къыIэщIатхъащ. – Шыр къызытраха мыгъуэми и пыIэкур кърауда?
– НтIэ, арыншэу къуитрэт. Кулисум шыр пщIантIэм хъуакIуэу дэту илъагъум и гур хэхъуэрти, иджы шыр илъагъуххэну хуеижтэкъым. Лажьэ зимыIэу зи пыIэку кърауду хагъэнэщхъеихьар алащэжьым и зэран хуэдэу и нэми, и пэми къихьыжыртэкъым. Я щIалэ нэхъыщIэ дыдэу Барэсбий шым трагъэтIысхьауэ тесщ, къепсыхын имыдэу. Езы шыр хъуакIуэрт, удз гъэужь лъыхъуэу. ЦIыкIущэ шэмэдж хьэху къищтэурэ мызэ-мытIэу губгъуэм дэкIащ, и къуэ нэхъыщIитIыр и гъусэу.
Махуэ зытIущым и кIуэцIкIэ шыдыгу цIыкIукIэ шыудз къашэурэ бэкхъым щIалъхьащ, ягъэгъумэ щIымахуэм хуагъэтIылъыну, арщхьэкIэ щIымахуэ псом шым ирагъэшхын яхуэгъэхьэзырынт. Шылэм и пIалъэр къэсри, уае хъуащ. Кулисуми «умыгъэтIылъа къэпщтэжыркъым» жиIэри, и хъыджэбз цIыкIур здигъэIэпыкъуурэ я унэ бгъэныщхьэм и пкIэунэм къэбыр тригъэтIысхьащ.
ЦIыкIущи лъэкI къигъэнакъым: шызакъуэгу хьэхукIэ мэзым Iэджэрэ кIуащ, пхъэгъэсын къишэну. Пхъэ IэтэфIи зэтрилъхьащ, зимыIэр зригъэхъуапсэу. Кулисум и пхъур щыгъыныджэ дыдэти, нэхъ къыщIэмыкI хъуащ. Iэмал имыIэжмэ, и анэм и цы IэлъэщIышхуэр тепхъуауэ къыщIэцIэфтт унэми, асыхьэту щIэлъэдэжти, пэшхьэку упщIыIужам къеувэкIауэ зэхэтт. Тхъэгъуэу яIэр ЦIыкIущэ жэщ къэтыну зыщIыпIэ щыкIуэм дежт, сыту жыпIэмэ, унагъуэр зэрыунагъуэу я адэм и гъуэлъыпIэжьым ихуэр илът, зым зыр непIэскIумэ зэрыгъэкIийуэ, е зыр зым и щхьэцым къеIэу, лъэгуажьэкIи щызэзауи къэхъурт, я анэр и быным я щхьэфэм имыIэбэмэ. Хьэнтхъупс щефэм деж «лошкIэ зауэ» къэмыхъуну Iэмал иIэтэкъым.
Хьэжбарэ хъарзынэу хуэпауэ къэкIуэжати, зы махуэ нэхъыбэ хуэмыхьу дэкIыжащ: «фэ фшхымкIэ сэ псэуа сыхъунукъым» жиIэри, къэбищ къэнэжам я нэхъыфIыр хуагъэва пэтрэ. Езыми и Iуэху зэрымыIейр нэрылъагъут: сыт щхьэкIи Iеин? ХъумакIуэу здыIутым щагъашхэ, унэ хуабэ щIэсщ, хуэфэщэжын тепIэнщIэлъын яIэщ. Тутнакъэщым исхэр судым щашэкIэ, джэдыгупIыргъыу зи вакъэм шабий фа къилэлым я пхэм фоч траубыдауэ яху, къахуж. Махуэ ныкъуэ къэтамэ, махуэ псо зегъэпсэхуж.
ЩIымахуэм шылэ мазэр имыкIыу шым хуагъэхьэзыра мэкъумылэ тIэкIури яух, Кулисум и къэбым щыщи щыIэжкъым, нартыху кIэчанри зытIэкIущ, джэдищ мэкIэцIри, Кулисум уригъэIусэнукъым: джэдыкIэ къакIэцIымкIэ унагъуэр игъэпсэун и гугъэу.
Къэп закъуэ къэнэжат нартыху кIэчануи, ар щагъэлъалъэм, зэлIзэфызыр зэгурыIуащ а тIэкIур жылапхъэу къагъэнэну. ЦIыкIущи хэкIыпIэу къигъуэтащ, унагъуэм вакъэ зи лъэ изылъхьэфу исыр (псоми иралъхьэфынут, лъатIэгъэн яIатэм) здишэу, мэзым щIэкIуэдэж къущхьэмышхыр къищыпыну, нартыхукIэ, хукIэ ихъуэжыну. АрщхьэкIэ абыи къикIа щIагъуэ щыIэтэкъым. «Изыр – итIкIэ!», «изыр – итIкIэ!» жаIэу махуэ псом къуажэм дэта щхьэкIэ, пут ныкъуэ къахъуэжами арат. МэжэщIэлIапэу унагъуэр щыхуежьэм, ЦIыкIущэ и щхьэр фIэлэлу и щIалитIыр зыгъэлIыщIэу щытам деж кIуат: «Гъэувыж лIыщIэу, езгъэшхын сиIэкъым, Iисраф дохъу бынунэр зэрыбынунэу», – жиIэри. АрщхьэкIэ изрэ ныкъуэрэ зэрыщIэрэ жыхуаIэрагъэнти, здэкIуам идакъым:
– Догуэ, укулачщ жаIэу, си пэр щIым щебгъэхуэну ара узыхуейр? Плъэгъуакъэ, кулачыр зэрыдашар. КъалэкIыхьым нэс гукIэ яшэри, адэкIэ вагоным ирагуауэ, Iуашри, ягъэкIуэдыну къыздимыкIыжын ягъакIуэ. Уафэмрэ щIылъэмрэ арэфкIэ щызэгъэкъуам нэс.
– Тобэ ярэби, абы нэс дауэ гъуэгу хашыфа? – жиIэу ЦIыкIущэ егъэщIагъуэ, и щхьэр къыфIэхупауэ: – Iисраф дыхъунущ, си къуэш, Iисраф дыхъунущ унагъуэр зэрыунагъуэу. Сыт мыгъуэр тщIэну? Ди Iэ чэмкъым, ди лъэ чэмкъым, ди щхьэ тхуземыхьэжу дыкъэнащ.
– ЕлъэIу тетым. Хуит укъищIрэ – мэлыхъуэу къэсщтэнщ уи щIалэ цIыкIуитIри.
– Уэ укIуатэмэ, нэхъ уи хьэтыр къилъагъунт.
– Сэри?! Абы хьэтыр жыхуаIэр ищIэрэ? И Iэпхъуамбэр шакъэм фIыцIэ ищIыжауэ писырым къритым Iэпэ-пешот трегъэувэри щысщ. Мэли сиIэжкъым, сызытегузэвыхьын. Нэхъыбэр изгъэсыкIащ. Къэнари къурмэн махуэр къэсмэ, сщэжынущ.
– НтIэ си щIалитIым ебгъэщIэнур сыт?
– Тесынщ уэтэрым. ЦIыкIущэ гъыным хуэдэу и гур къызэфIэнащ, жиIэнри ищIэнри имыщIэу зэфIэтт. – Алыхьу тэхьэлам жиIащ «уэ хьэрычэт щIэ, сэ берычэт хэслъхьэнщ» жиIэри. Догуэ, дауэ иджы зэрыхъур? Уэ хьэрычэт пщIэ мыхъум, алыхьу гуащIэрэ гущIэгъурэ зиIэм берычэт зыхилъхьэн къыбдимылъагъумэ? Ди дзэлыфэ тIауэ зыдгъэлIэну? Мыр сыт къэрэхьэлъкъ власть? Дэнэ мыгъуэ къраух. СогъэпцI нахуэу, къыздрахар сщIатэм, си алащэжьым теспхэнти сымыхьыжтэмэ.
– Хьа-хьа-хьа, – жиIэри ЦIыкIущэ лъэIуакIуэ зыхуэкIуа Берд дыхьэшхащ. – Властыр къоупщIрэ, си къуэш, абы нэрыгъ уищIмэ – зитх зэпищIыкIын жыхуэпIэм ущIэмыупщIэ. Iэмал иIэххэмэ, зыпэщIумыгъахуи нэхъыфIщ. УкIуэну Хьэрун деж? УкIуэну ара зытебухуар?
– Хьэуэ. СыкIуэфынукъым. Сэри «подкулачникым» сыхитхэнкIэ хъунущ.
– Тэмэм! ТIэу емыплъу уахитхэнщ. Абы нэхърэ уи щIалэ курытыр уэтэрым гъакIуи зы мэл къегъэху. Къурмэныпхъэ пхуэхъунщ. – Къратыну пIэрэ? – Сэ жысIауэ жиIэм къратынщ. ЦIыкIущэ гуфIэщауэ и лъакъуитIыр щIэуджыкIыу унэмкIэ игъэзэжащ и унагъуэр игъэгуфIэну. Къурмэнми мэлыр нигъэсынкъым, дауи. Унагъуэм исым я дзажэпкъ ящIыжынщ. ЦIыкIущэ къыщысыжам, щIалэ цIыкIухэм щIэрыкIуэ къатIауэ я Iупэр IурыуфIыцIыкIами яшх, нэгъуэщI шхын ямыIэу.
– Мыр сыт мы фшхыр? Зы джэд фукIамэ нэхъыфIти. АрщхьэкIэ Кулисум занщIэу зыкъритIащ, и лIыр щIригъэгъуэжыну:
– ЛIo, джэд пхуэзукIын хуэдэу къытхуэпхьар? Пэжу, укъэкъеижу укъэкIуэжащи, тхьэм ещIэ уагъэшхар. Зи ныбэ изым и Iупэм дебгъэбзеину ара? Дэ щIэрыкIуэщ тшхыр. Уи бынунэр ныбэ узщи, я щхьэр здахьын ящIэркъым.
– Сэ къыфхуэсхьари флъагъункъэ. Къазий, дахэ цIыкIум хуэдэу алащэжьым шэси, Берд и уэтэрым ex. Берд и унафэщ, жыIи зы мэл къеIыхи къэхь. Хъарзынэу къурмэнри къэблэгъащ. Кулисум нэхъри къэгубжьри, щIэрыкIуэ ныкъуэшхыр пэшхьэку шыуаным иридзащ:
– ЛIо, къурмэныр къэсамэ? Мэл къуатыр «къурмэныл» жыпIэу лы Iыхьэ зырызу хьэблэм яхуэбгуэшыжмэ, мо ныбажэ зэтехъуа къомым я ныбэр хъужын уи гугъэ? Хьэжбарэ и Iыхьэ хуедгъэхьмэ зэфIэкIащ. – Къурмэныпхъэ дымыщIыну мыхъуну хэт дезыгъэзар? ТезыIуар къыдэзытыращ, уэ щхьэ укъыщхьэщилъэфрэ? Мэлым кIэлъымыкIуэу махуи дэкIа, нэхъыби дэкIа – Къазий шууэ уэтэрым щехам тети-теси щыIэжтэкъым. Берд жьакIащхъуэр «укулачщ» жаIэри напIэзыпIэу ирагъэсыкIат, уэтэрым тета Iэщым щыщи зыри щыIэжтэкъым. ЛIыжь цIыкIу гуэрым уэтэртесхэм къакIэрыхуа сыт къиулъэпхъэщт, щIалэр еупщIати къыгуригъэIуащ:
– Берд уи щIыхуэ телъмэ, си щIалэ, уафэмрэ щIылъэмрэ арэфкIэ щызэгъэкъуам нэс зегъэхь. Хэт ищIэрэ ухуэзэнкIэ хъунщ.
– Уэлэхьи, а жыхуэпIэм къанжэм и кIэм утесми улъэщIэмыхьэну. Мыбы Iэщ тетари дэнэ кIуа? – Колхозым. Кулачым я Iэщыр абы щызэхуахус. ЛIo, ууей яхэта? – Ди къурмэныпхъэр Берд и хъушэм хэтащ.
– Сыт щхьэкIэ, мэлыр зыгъэхъуу щытар уэракъэ. Къыхэпхужу щхьэ здумыхужарэ? – Къурмэныр къэблэгъэху хэзгъэтын си гугъащ. Ноби сыкъэкIуэнутэкъым, ди анэр мыхъуамэ, «къэхуж» жиIэу къызэрызжиIэрэ зыкъом щIат, нобэ къэс Iуэху схуэщIакъым. Зыми зэхэдмыхыу дауи даша, жыным даша хуэдэ?
– Ар дэзыша жыныр пщIэркъэ?
– Хэт?
– Гепоращ. Жэщтеуэхэр. ДагъэбзэхыкIмэ, уэлэхьи, я ней зыщыхуар. «Кулачым» я закъуэ? Молэри даш, дылIэмэ ди хьэдэ зэзыгъэзэхуэжын къыдамынэу.
Уи мэл Берд и хъушэм яхэтмэ зумыгъэгувэ, колхоз мэлыр къуажапщэмкIэ щыIэщи кIуэ. Хэт ищIэрэ, я фIэщ ухъункIэ хъунщ. Берд деж лIыщIэу уIутащ. Къазий, дадэ цIыкIу хуэдэу щIалэ хэщIыхьа цIыкIуу плъагъу щхьэкIэ, Iущт, лъэрызехьэт. ГущIэгъуи иIэт.
Берд къыщыщIар шэуэ техуат. Бынунагъуэм къагъар, къагузэвар и нэгу щIэт хуэдэт. Зэгуэр Хьэрун къыжьэдэхуат «кулачым задэбгъэунэхъуну ухуэмеймэ, уи унэ екIуэлIэж» жиIэри. Япэм абы къикIыр Къазий къыгурымыIуами, иджы и IэкIэ теIэбащ. ЩIалэр къэшэсыжри, я унэ къэкIуэжащ, къурмэныпхъэ дэнэ къэна, мэл щхьэ ныкъуэ и адэм къыхуимыхьу. Къазий IэнэщIу къызэрыкIуэжар щилъагъум, и анэ Кулисуми къегъыхыу къэуващ, япщэфIын лъэпкъ яIэтэкъыми, и шыпхъу цIыкIури, я щIалэ нэхъыщIэ цIыкIури зэщIэкъугъэт, мэжалIэ загъалIэу мэлым пэплъэу щысати. Къазий фIэгуэныхь хъуат и шыпхъу цIыкIумрэ и шынэхъыщIэ цIыкIумри, зигъэлIы бэлыхьу хъущIэ хуэдэу зищIащ:
– Щывгъэт! Мэлыр дыдейуэ щытами зыгуэрти. Сэ тхьэр нахуэу согъэпцI, ныжэбэ фIэкIа пIалъэ имыIэу мэл пшэрыжь къэзмыгъэсмэ. Берд и хъушэр здахуар сощIэ, мэлыхъуэу абы и деж сызэрыIутар зымыщIи щIагъуэ щыIэкъым. СыкIуэнщи, мыбы си лIыщIапщIэу къыIунащ зы мэли, къызэфтыж, жысIэмэ, къызамытыжын фи гугъэ.
– НтIэ щхьэ умыкIуэрэ? Уи закъуэ ушынэмэ, сэри сыныбдэкIуэнщ, – жиIэри щIалэ нэхъыщIэ цIыкIуми и гъыныр пичащ. – УнакIуэкIэ сыт и мыхьэнэ? Сэ сыкIуэнщи, мэлыр къэзгъэсынщ, фэ фыгъуэлъыж, пщIыхьэпIэ флъагъуурэ сэ Iуэхур зэпкърызудынщ. Щыгъэт уэри, – жиIэри гъыуэ щыт и шыпхъуми зэрыхузэфIэкIкIэ едэхэщIащ.
Къазий апхуэдизу щIытегушхуа щыIэт: «кулач» дашу къызэраублэрэ и чэтыр нэщI зэи хъуркъым, махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу мэлым къыхэхъуэ фIэкIа хэщIыртэкъым, уеблэм бэзэр сыт темыхьэу пудыжьу мэл зрищэр нэхъыбэжт.
Шэч хэлътэкъым, зи мылъку хыфIэзыдзэу къыздэмыкIуэжын ягъакIуэм я Iэщыр Хьэрунрэ абы и IупэфIэгъухэмрэ яIэщIэкIуадэрт, колхозыIуэм яху щIагъуэ шымыIэу. АтIэ мэл дыгъуа къэбдыгъужыныр хьэлэл хъунукъэ. Къазий и мурадыр и шыпхъу, и къуэш сытхэм яжриIакъым, хэIущIыIу хъункIэ шынэрти. Езы Хьэрун жыпIэнущи, нэхъыбэм жэщ ныкъуэращ я унэ къыщыкIуэжыр. Махуэм ягъэунэхъунум жэщкIэ и унафэр ящI. ЛIищ мэхъури, «тройкэ» зыфIащыжауэ, унафэ ящIамэ, хэплъэж щыIэкъым. Гепом я «тройкэм» хуэдэщ. Жэщыр хэкIуэтарэ къуажэдэсым я нэхъыбэр зэгъэжауэ Къазий ежьащ Хьэрун и унэмкIэ иунэтIауэ. Дунейр Iэуэлъауэншэт, зэзэмызэ хьэ банэ макъ фIэкIа къэмыIуу. Мазэхэт, кIагъэпшагъэти, вагъуи сыти плъагъуртэкъым. Дунейр алыхьым къузэритын жыхуаIэм хуэдэт.