реклама
Бургер менюБургер меню

Алим Кешоков – Куриная слепота. Повесть / Нэгъуху (страница 1)

18

Алим Кешоков

«Куриная слепота»

Повесть

Нэгъуху

© Алим Кешоков, текст, 2025

© Лариса Маремкулова, перевод, 2025

© Союз писателей России, 2025

© Дизайн и вёрстка А. А. Головина, 2025

«Нэгъуху»

– Мэ, ЦIыкIущэ, уэ лIы ухъурэ ар шы мыхъумэ, си пащIэр уэзмыгъэупсмэ, соIуэ. Къэрэхьэлъкъ къабзэм уакъыхэкIащ. Ар советскэм имыщIэу уимыгугъэ. ВластыщIэм и фэеплъу абы хуэдэш уи пщIантIэ дэтыну жыхуэпIэр – насыпышхуэщ.

ЦIыкIущэ гуфIэщати, къытелъадэу къэфэн тIэу еплъынтэкъым, арщхьэкIэ утыку укъихьэу уи гуэншэрыкъым илъ шабийр къибгъэлъэлъын? Iэнкунурэ, Хьэруну къуажэ Советым тетым ЦIыкIущэ бгъэдыхьэри, и гур къызэфIэнауэ, ерагъпсэрагъкIэ жиIэфащ:

– Мы шыр къысхуэзыгъэфэща советскэм – илъэс мин. Шы сыхуэныкъуэрэ си щIы Iыхьэ тIэкIур схуэмывэжу гугъу сызэрехьым гу лъызыта Хьэруни илъэс мин къигъэщIэну тхьэм жиIэ!

ЦIыкIущэ и хъуэхъур адрейхэм къыдаIыгъащ:

– Тхьэм жиIэ!

– Псалъэ дыгъэл жыпIащ.

– Алащэ къуатам фIыгъуэу щыIэр тхьэм къыдигъакIуэ.

– ЩIалищ уиIэщ, хъарзынэу зэрахьэнщ. Мэкъу гъэхьэзыра уимыIэмэ, мы гъэм гъэужьыр бэгъуащ. Уи къуэ нэхъыжьхэр здэбгъэIэпыкъумэ, самитI пхуэгъэтIысынщ. Умыгъэгувэ закъуэ.

ЦIыкIущэ кIапсэ нахъутэ кIапэр кIэщIу иIыгъыу шым темыгушхуащэурэ телъэщIыхьт, насыпышхуэ къеуэлIар пщIыхьэпIэу илъагъу къыфIэщIыжу.

Адрей къызэхуашэсахэми хэт выгу зэщIэщIа, хэт выщIэ цIыкIуитI, хэти жэм псэф – зыгуэр зрамыт яхэттэкъым. Къуажэм «контрэу» дэсар зы жэщым ирагъэсыкIати, я мылъкур зэхагуэшэжырт. Хьэрун и нэфI зыщыхуам нэхъыбэ лъысырт, езым къылъысынури къылъысат, ирагъэсыкIа илъэпкъым я унэр къищурэ и нэм къыфIэнэ къигъэнакъым. Иджы хамэ мылъкур егуэш. ГъэщIэгъуэнкъэ, уи гуащIэдэкIкIэ къыумылэжьар зыгуэрым щепткIэ псым хуэдэу пIэщIож, уигу къызэреуэ лъэпкъ щымыIэу.

Езы Хьэрун нэхъыбэу зэреджэр старшинат. Арыншэуи хъурэ, игъащIэм къуажэм трагъэувэм зэреджэр арат. КъулыкъущIапIэр – правленэт, тхылъхэр зезыхьэр – писырт. ЦIэр советскэм зэридзэкIа щхьэкIэ, иджыри цIыхур есакъым, псалъэхэри жыIэгъуейт – председатель сельсовета жыпIэныр гугъут, цIыхум я бзэр хуэкъутатэкъым. Хьэрун зы хьэрф ищIэртэкъыми, сыт къатхами писырым иритырти, абы зэригъэзахуэрт. Писырыжь цIыкIур адыгэбзэкIэ уэрсэрт, бабыщ зекIуэкIэ хъужауэ, хэт сыт иратами дэфтэрым иритхэрт, Iэ трыригъэдзэжт, зыгуэр зрита илъэпкъым я Iэпэр пыуфIыцIыкIат. Хьэрун зытегузэвыхьыр зыт:

– Ей, фэ делэ къомым тхьэлъэIур зы махуэм фщIынщи, зэIывгъэхьащ. Фызэчэнджэщ нэхъапэ щIыкIэ.

Хьэрун Iэтащхьэу къуажэ Советым щыхахым къагъэгузэвауэ щытащ. «Мыр хэзыхыну арэзым и Iэр иреIэт», щыжаIэм, зы аIужыжмыIужыж гуэр зэIущIэм къахэкIиикIащ: «Хьэрун партым хэт? И парт билетыр дигъэлъэгъуамэ, арати дызыхуейр», – жиIэри. Ари хъунт. Къуажэм зылI дэстэкъым Iэпэ щIидзыжыфу. Партым хыхьэн дэнэ къикIын?

Хьэрун къэпщIэнтIат, гузэвэщауэ.

– ЛIo парт билетыр мэз тхылъ хъуа уи гугъэ, хэт къыщIэупщIэми ебгъэлъагъуу? «Фыз уиIэ?» жиIэрэ къоупщIмэ, уи фызыр ебгъэлъагъурэ? «СиIэщ» жыпIэмэ, зэфIокI. Сэ советскэр зи щIыб илъу къэзыхьыжам сащыщщ. Сэ схуэдэр партым хэмытым хэт хэбгъэтынур? Къэрэлъашэ хуэдэра, Iэщ къищэхурэ лы ищэжу?..

Парт билетым къыщIэупщIам зиущэхужащ Абдеж Яфетми къыхидзащ:

– Хьэрун, уи парт билетыр сейфым дэлъщ. СыкIуэнщи къэсхьынщ.

– Уэри укъэмыпIэнкI. Парт билетым къыщIэупщIэм парт билет илъагъу уи гугъэ? Колхоз щызэхэтшэм деж абы егъэлъагъупхъэр езгъэлъагъунщ. Япэ иту колхозым сыхэмыхьэм, сылIу пащIэ стеткъым.

ЗэIущIэр къызэщIэващ, колхоз хъыбарыр зыкъом лъандэрэ зэхахати. Абы къыфIамыгъэкIыу старшинар хахат. Иджы, мес, лIы хъарзынэу къыщIэкIащ, «контрэр» игъэунэхъуауэ къулейсызыр егъэунэ. ИгъащIэм шы зимыIам шы ират… Яфети ухуэсакъын хуейт, налог зыта Iэджэ тхьэусыхэрт «кIэпIейкIэ къыттенакъым, итIани щIыхуэ къыстенауэ итщ» жаIэрт. Модрейм и дэфтэрым зэрыхуейм хуэдэу иритхащи, зыуигъэумысынукъым. ЦIыхур щызэригъэзауэ щыIэт. Езыр къыхагъэзыхьа иужь зигъэгуса нэпцI зищIырт.

– Хьэрэм сшхыуэ гурыщхъуэ щыфщIкIэ, зы махуэ сыдэсыжынукъым фи къуажэ. Нобэ сыдокIыж. АрщхьэкIэ старшинам дигъэкIыжрэ. Къэгубжьахэм фIы жаIэнт:

– Зэпытрэ зэкIэсу зегъэхь. Нэхъапэ щIыкIэ налогыр зэгъэзэхуэж. Хэт ищIэрэ, дызэхуэзэнкIэ мэхъу. ЦIыкIущэ шыр къыIэрыхьа иужь и нэр къикI т псынщIэ-псынщIэу шыр я унэ ишэу унэгуащэр игъэгуфIэну, арщхьэкIэ Хьэрун къыхуей хъуауэ къегъэувыIэ:

– ЦIыкIущэ, зэ умыпIащIэт, – жеIэри, езы Хьэрун къыбгъэдохьэри къоупщI: – Уи щIалэ нэхъыжьитIыр лIыщIэ Iуткъэ?

– Iутщ, Хьэрун, а тIум я лIыщIапщIэ тIэкIу мыгъуэраи фызыжьымрэ дэрэ дызэрыпсэур. Ещанэ цIыкIури къэжэпхъащ, алыхьым и шыкуркIэ, дыщогуфIыкI, мэл е бжэн игъэхъуфынущ.

– Уэ слъагъум советскэм я унафэхэм хэпщIыкIIауэ си гугъэкъым. Зыри къыбжаIакъэ лIыщIэм и IуэхукIэ?

ЦIыкIущэ къэгузэващ: «къызжаIакъым» жыбоIэри, «зэIущIэм укъакIуэркъым» жиIэнщи, къэгубжьынщи, шыр стрихынкIи хъунщ. «КъызжаIащ» жыбоIэри, унафэм къемызэгъ гуэр тIэщIэщIыхьауэ къигъуэтынщи, ари нэхъ Iеижщ. ЦIыкIущэ цIыкIу хъуащ, ин хъуащ. – ТIэщIэщIыхьауэ пIэрэ зыгуэр?

– Уи къуитIыр-щэ?! ВластыщIэр зэрыуврэ илъэс ещанэ хъурэ? Уэ уи къуитIыр иджыри къэс пщылIыпIэм ибгъэтщ. Дуней къэрэхьэлъкъыр хуит хъужарэ тыншыжауэ. Ди къуажэм чэмиссэ къакIуэрэ пщылIитI къагъуэтмэ, ди напэр тепхакъэ. ЗэшэлIэж, тIысэ, уи къуитIыр. Мес, хъарзынэу шы уэттащ, щIы жыпIэми адрейм къалъысам хуэдиз къуатащ. УфIэмащIэ? ЛIo абы нэхъыбэ! Си щхьэ уз ухуеймэ, алыхьым елъэIу.

– ШхынкIэ гугъу дехьыну мыгъуэщ, Хьэрун. ЩIы къыдатар стат бэджэндуи…

– ПщIэным ебгъэхьыжащ. СощIэ, сощIэ, – жиIэри ЦIыкIущэ жыжьэу игъэпсэлъакъым. – Имыхьыжуи хъунт? Уи къуитIым хамэм я хадэ япщIэ, уэ уи хадэр зыпщIэн щымыIэу нартыху-мэкъуу зэщIэкIэжащ. Нобэрей властым идэнукъым ар, си къуэш. Къэрэхьэлъкъыр пщылIыпIэм къыщIрашыжар я щхьэр ягъэпсэужыну аращ. Ар сыту къыбгурымыIуэрэ?

– КъызгуроIуэ, зи уз кIуэдын. КъызгуроIуэ. Пщэдей фIэкIа пIалъэ имыIэу сIуэхунщи къэсшэжынщ.

ЦIыкIущэ шыр къишэри, пщIантIэшхуэм диутIыпщхьащ, блэкIым къалъагъун хуэдэу. Къреплъ фыгъуэнэдхэр. ЦIыкIущи зэм лъэс зищIами, щыхуейм деж зригъэщIеикIыу уанэгум ису хуейм я благъэхэм якIэлъыкIуэнщ, уеблэмэ шызакъуэгу къызэригъуэту я унэгуащэр и дыщым ишэжынщ. Нобэрей IуэхукIэ шы цIахуцIэу кIуэнщи, и къуитIым хъыбар яригъэщIэнщ лIыщIапIэ зыIутым къыIумыкIыжу зэрымыхъунумкIэ. Езы тIуми иджыри къэс сыту гу лъамытарэ цIыхум цIыху игъэпщылI зэрымыхъунум, хъарзынэу щIалитIри зыхуэлIыщIэр къуажэм нэхъ пщIэ зыхуащIу унагъуэ бейщ. ЦIыкIущэ и къуэ нэхъыжь Хьэжбарэ шыхъуэу Iутщ. Къазий – мэлыхъуэщи, гъатхэ къэс Къущхьэхъу макIуэри, мэшыр Iуахыжыху къехыжыркъым. Иджы тIури къехыжауэ тIуащIэ уэтэрым тесщи къэгъуэтыгъуафIэщ. Езы ЦIыкIущи тIуащIэмкIэ мыкIуэу зэфIэкIащ, Берд мэжджытым щыхуэзэри жриIати. Къэрал унафэр Берд ищIэрт, куэдрэ зригъэлъэIуакъым.

– Уи бынунэр пхуэгъэшхэжынумэ зэшэлIэж – мы гъэм уи гъавэр щIагъуакъым. Егупсыс, ущIегъуэжынкIэ хъунщ. Хьэрун «лIыщIэ къэпщтэж хъунукъым, къапщтэмэ, кулакым ухабжэу урагъэсыкIынкIэ тIэу еплъынукъым» жиIэри къыстрикъузащ. СщIэнур сщIэртэкъым, хъыджэбзитI сиIэщи, дэсхуу мэлым пэрызгъэувэн. ЕмыкIуу хьэдэгъуэдахэкъэ. Апхуэдэу си напэ зытесхыж нэхърэ, шитI, жэмитI зысщIрэ «середнач» къабзэу сежьэжмэ сыт къызащIэн? ЦIыкIущи зеумысыж:

– Тхьэ дыгъэIэ, сэри си Iуэху мыпщIэгъуалэ. Шы къызатами, езгъэшхын сиIэкъым. Дум илъ гъавэм щIымахуэ ирыдигъэхми аращ.

– АтIэ дызэгурыIуащ: уи къуитIыр пщэдей фIэкIа пIалъэ имыIэу къыпхуэзгъэкIуэжынщ, – жиIэри Берд зримыусыгъуэджэу молэм и гъусэу я унэмкIэ игъэзэжащ. ЦIыкIущэ зэрыщIегъуэжам гу лъыптэу здэщытам кIуэжынщ, – жиIэри, Берд зриусыгъуэджэн и гугъащ, «нэгъуэщI къэзгъуэтыху тIэкIукIэ си гугъу къыумыщI» жиIэу. Иджы я унэм нэсыжу и фызым хъыбар иригъэщIэн хуейщ.

ЦIыкIущэ и гур зэрыгъум дыгъур кърикIуащ: и къуитIыр къэкIуэжу ипхъу нэхъыщIэу Хъуцэ и тхьэкIумэм щицырхъэм, хъыджэбз цIыкIур къызэкIуэкIащ:

– ЛIo, мэл щхьэ гъэва яхуэдгъэтIылъа я гугъэ? А здэщыIэм щхьэ имызагъэрэ? – жиIэри Хъуцэ сабэ дрипхъейуэрэ и гум къыдиху илъэпкъыр жиIа иужь, и гур нэхъ тIысыжащ.

– АтIэ сыт? Уи къуитIыр къыщыкIуэжкIэ уэри ущымыс: нартыху къэп гъэлъэлъа диIэщи, шыплIэм дэлъхьи щхьэлым егъэхь. ЕлъэIу щхьэлтету жьакIэ бацэм псынщIэ-псынщIэу пхуихьэжыну. Сэ хъыджэбз цIыкIур шатэхьэ згъэкIуэнщ Берд и фызым деж. Абыи къыдитыжыну пIэрэ шатэ, ди щIалитIыр лIыщIэн ямыдэу къызэрыIукIыжыр зэхихмэ.

ЕтIуанэ махуэр къэсри, махуэ псом ЦIыкIущэ куэбжэм Iуту плъа щхьэкIэ, къэкIуэжар я щIалэ курыту Къазийщ. ЛIыщIапщIэу и блэгущIэм шыфэу вакъапхъитI щIэлът. Фыхуеймэ, сыдэвдзей, фыхуеймэ, сыкъевдзых – мыращ лIыщIапщIэу къыслъысар, жыхуиIэу. ГуэншэрыкъкIэ IэкIуэлъакIуэр и анэр арати, вакъапхъэр абы иритащ. И унафэр уэ зэрыпщIщ, жыхуиIэу. ЛIыщIапщIэр фIэмэщIами, и анэм псалъэ къыжьэдэкIакъым.

– Хьэжбарэ щхьэ къэмыкIуэжрэ, пщылIыпIэр зэ иужэгъун хуейкъэ? – жиIэри и анэр япэ зыщIэупщIар и къуэ нэхъыжьыращ.

– Хьэжбарэ къэкIуэжыну си фIэщ мыхъу, – жиIэри Къазий унагъуэр зэрыунагъуэу къигъэгубжьащ.

– Ар сыт щхьэкIэ, на-а?

– Дзэм хыхьэну и мурадщ.

– Сытыдзэ? Дыунэхъури дыкъэсэхыжащ. Дэнэ мыгъуэ здагъэкIуэнур? Зауэм кIэ ирата хуэдэщ.

– Къалэм. Тутнакъэщышхуэ щащIащи, абы хъумакIуэу Iуувэнущ. УлахуэфIкIэ къагъэгугъауи си гугъэщ. – Къазий иужь дыдэ къыщIигъужар и анэ гужьеищам и гур дахэ ищIынурат щIыжиIар.

– Алыхь, дуней мылъкур къызэптами, тутнакъэщым ис абрэджхэр схъумэнщ, жысIэу сымыувын. УмыщIэххэу къопыджынкIэ мэхъу. Ар IэнатIэ хъунщ, жыпIэу дауэ уIуувэн? КIуэи къэшэж мыщхьэрыуэ щIыкIэ. Догуэ, шы къызэрыдатар ищIэрэ?